- УФ-м егъэджэныгъэ 1уэхущ1ап1эхэр ухуэным теухуа 1уэхугъуэхэр нэсу щагъэзащ1э субъектхэм я бжыгъэм хэтщ КъБ-рыр.
-«Эльбрус» канат гъуэгу предприятием и генеральнэ унафэщ1ымрэ а организацэм и нженерымрэ ягъэкъуаншэ ц1ыхуит1, е нэхъыбэм я гъащ1эр зыхьа къэхъукъащ1э 1уащхьэмахуэ лъапэ къызэрыщыхъуам теухуауэ.
- КъБ-м промышленность 1энат1эм зыщ1эгъэкъуэным сом мелуан 60-м щ1игъу хухахынущ.
--КъБ-м мы гъэм щаухуэну я мурадщ «Азау», «Обсерватория» подстанцхэр.
-Налшык дэт къэрал лъэпкъ библиотекэр къызэрызэрагъэпэщрэ илъэси 105-рэ зэрыхъур щагъэлъап1э 1уэхугъуэ а библиотекэм нобэ щок1уэк1. (Безыр Ленэ – библиотекэм и лэжьак1уэ).