- «Урысей зэкъуэт» политпартым УФ-м и Президентым бгъэдилъхьащ Къэбэрдей-Балъкъэр, Кърым, Ингуш республикэхэм я 1этащхьэхэм я къалэнхэр зыгъэзащ1эхэр а щ1ыналъэхэм я унафэщ1у ягъэувыну.
- Герхожан псым и деж метр мини 2-рэ 100-рэ зи лъагагъ щ1ып1эм Урысей МЧС-м и лэжьак1уэхэр жэщи-махуи щыплъырщ.
- «Аруан-Балъкъэр Ипщэ-Уштулу» федерал гъуэгум и 64-нэ километрым деж щегъэжьауэ и 72-нэс транспорт щызек1уэу нышэдибэ къызэ1уахыжащ.
- КъБ-м и Хэхак1уэ комиссэм республикэ Парламентым и депутату зи кандидатурэ къэзыгъэлъагъуэхэм я дэфтэрхэр къы1ыхын яухащ.