- КъБ-м иужь жэщ-махуэм коронавирус уз зэрыцIалэ япкърыту щIэуэ цIыху 75-рэ къахутащ.
- Коронавирус уз зэрыцIалэ зыпкърытхэм еIэза медсестрар дунейм зэрехыжам теухуауэ абы и Iыхьлыхэм яхуогузавэ медицинэ лэжьакIуэхэр.
- КъБ-м и Iэтащхьэм и унафэкIэ республикэм и медицинэ IуэхущIапIэхэм уз зэрыцIалэм ущызыхъумэ Iэмэпсымэхэр къахуэщэхуным сом мелуан 20-м щIигъу хухахынущ.
- Къэралым и экономикэр зыфIэгъэувэжыным теухуа планым УФ-м и Президентыр щыгъуазэ хуащIащ.
- Ди къэралым кинотеатр, музейхэм я лэжьыгъэр июлым и кум ирагъэжьэжын я гугъэщ.
- Налшык къалэ администрацэм и Iэтащхьэ Ахъуэхъу Таймураз уз зэрыцIалэм щыхъума хъуным теухуауэ цIыхухэр сакъыну къыхуреджэ.