[audio: https://vestikbraudio.hb.bizmrg.com/2013-11-15/20131115_18_KAB.MP3]
- Дзэм къулыкъу щызыщ1эну зи армэ дэк1ыгъуэм я махуэщ нобэ.
- Гъуэгум щыхэк1уэдам, фэбжь щыхэзыхам я фэеплъ махуэм ирихьэл1эу нобэ КъБ-м лъы тынымк1э етхуанэу акцэ щрагъэк1уэк1ащ .
- Къуажэдэс щ1алэгъуалэм я республикэ форум нобэ Прохладнэ куейм щок1уэк1ащ. (Уэзрокъуэ Тамарэ - Прохладнэ район администацэм ц1ыхубэ хъыбарегъащ1эхэм, жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм ядэлэжьэнымк1э отделым и лэжьак1уэ).
- Налшык Елбэрдымрэ Байсултановымрэ я ц1эк1э щы1э уэрамхэм я зэхэк1ып1эм деж къатитхуу зэтет унэм и зы фэтэрым маф1эс къыщыхъуауэ маф1эсым пэщ1эт лэжьак1уэхэм ягъэуф1ынк1ащ.