- УФ-м и пенсэ фондым и къудамэу КъБ-м щы1эм фигу къегъэк1ыж анэ, унагъуэ капиталыМ фызэрыхуэсакъыпхъэр.
- Сентябрьм и 8 щы1эну хэхыныгъэхэм «Мобильнэ хэхак1уэ» 1эмалыр къагъэсэбэпынущ, дегъащ1э КъБм и хэхак1уэ комиссэм.
- Тэрч куейм хыхьэ Новая-Балкария жылагъуэм псы зрик1уэ бжьымийхэр зрахъуэк1. Мы зэманк1э метр 800 зи к1ыхьагъ бжьймийр зэрахъуэк1.
- КъБ-м и спортсменхэм бэнэк1э хуитымрэ алыдж-урым бэнэк1эмк1э Варшавэ щек1уэк1а дунейпсо турнирым медалит1 къыщахьащ. Циолковски Вацлава, Пытлясинский Владислав сымэ я фэеплъ турнирым дунейпсом щэнейрэ и чемпион хъуа Махуэ Билал дыщэ медалыр къыщихьащ.
- Гемранием щек1уэк1а алыдж-урым бэнэк1эмк1э Кабалоев Виталий дыщэ медал, Кабалоев Заур жэз, Къуэдзокъуэ Сосрыкъуэ дыжьын медалхэр къахьащ.