-КъБ-м и муниципальнэ район, къалэ округхэм псоми Тек1уэныгъэ Иныр илъэс 81-рэ зэрыхъум теухуа махуэшхуэ 1уэхугъуэхэр щызэхэтащ.
-Дэтхэнэ унагъуэми Хэку зауэшхуэм хэта я л1ыхъужьхэр ягу къыщагъэк1ыж. (Борсэ Джульетэ – Налшык дэт къэрал лъэпкъ библиотекэм и лъахэхутэ къудамэм и лэжьак1уэ).
- Налшык и уэрамхэм ремонт лэжьыгъэхэр зэрыщек1уэк1ыр къипщытащ КъБ-м и 1этащхьэ К1уэк1уэ Казбек.
-Осетие Ищхъэрэм щек1уэк1а щ1ыналъэ кадет балым КъБ-м и кадет школ зыбжанэм щеджэхэр хэтащ.