- Ди къэралым и щ1ып1э куэдми хуэдэу Тек1уэныгъэ Иным и махуэшхуэр щагъэлъап1э 1уэхугъуэхэр КъБ-м щек1уэк1ащ.
- Хэку зауэшхуэм хэта ц1ыху мин 25-м щ1игъум я ц1эр къызытещ метр 500-м щ1игъу чэтэн иныр Хьэт1охъущокъуэм и жыг хадэм и аллея нэхъыщхьэм щ1алэгъуалэ жыджэрхэм зэпа1ыгъыу к1уэц1рахащ. (Дыщэк1 Раисэ – Хьэт1охъущыкъуей жылагъуэм дэт е 3-нэ курыт еджап1эм и унафэщ1).
- Хэку зауэшхуэ зэманым КъБ-м ик1ыу фронтым ц1ыху мин 60 к1уащ, абы щыщу мин 40-м нэблагъэр хэк1уэдащ.
-Осетие Ищхъэрэм щек1уэк1а щ1ыналъэ кадет балым КъБ-м и кадет школ зыбжанэм щеджэхэр хэтащ.