[audio: http://files.realmusic.ru/download/1003013/radiokbr_news_-_radio_kbr_(23.03.2012__16.10)_kab.mp3]
- Нобэ КъБ-м и Правительствэм и унэм, КъБ-р республикэм и правительствэм деж Сирие щы1э ди лъэпкъэгъухэм дэ1эпыкъунымк1э гуп кыщызырагъэпэщар хэту, зэ1ущ1э щызэхэтащ. (Къурашын Анзор жылагъуэ, дин зэгухьэныгъэмк1э комитетым и зы отделым и унафэщ1);
- КъБ и 1этащхьэ Къанокъуэ Арсен, Лэсчэн куейм и 1этащхьэхэр зыхэт зэ1ущ1э ирегъэк1уэк1;
- Нобэ метеорологием и дунейпсо маухэщ;
- Мартым и 29-пщ1ондэ КъБ-м «Ажал щащэ щып1эр жы1э» - жыхуи1э Урысей псо акцие щек1уэк1ынущ;
- МЧС-м и КъБ-р къудамэм хъыбар къызэритымк1э нобэ сыхьэ 19-м щыщ1эдзауэ, пщэдей сыхьэт 19 пщ1ондэ ди республикэм и бгылъэ щ1ып1эхэм къызэрымык1уэ щытык1э къэхъунк1э шынагъуэ щы1эщ. (Апажыхь Мурат - КъБ-м и МЧС-м и пресс-1уэхущ1ап1эм и унафэщ1).