home

Радио КБР 18.00 kab - 2017.04.25 18:31

25.04.2017 | 18:31
- КъБ-м и къуажэхэм дэт курыт еджап1эхэм физкультурэм, спортым зэрыщыхуагъасэр ирагъэф1эк1уэн папщ1э федеральнэ мылъку къыхуаут1ыпщынущ. - Акушер анестезиолог-реаниматологхэм я Ассоциацэм и юбилей зэхуэс нобэ щегъэжьауэ апрелым и 27 пщ1ондэ Налшык щек1уэк1ынущ. - 1уащхьэмахуэ районым и Тегенекли жылагъуэм дэт «Эльбрус» пансионатым и унащхьэм маф1э къыщ1энауэ ягъэуф1ынк1ащ. Хэку зауэшхуэ лъэхъэнэм теухуа уэрэдхэр гъэзэщ1энымк1э фестиваль нобэ щегъэжьауэ Налшык щок1уэк1. - Нобэ адыгэ ныпым и махуэщ. Тек1уэныгъэ Иным и махуэшхуэ къэблагъэм ипэ къихуэу 1уащхьэмахуэ районым хыхьэ Бахъсэн Ипщэ жылагъуэм а щ1ып1эм щыщу Хэку зауэшхуэм хэк1уэдахэр ягу къагъэк1ыжащ.