home

Радио КБР 11.00 kab - 2020.01.21

21.01.2020 | 11:47
- КъБ-м и Премьер-министр Мусуков Алий гъуэгум шынэгъуэншагъэ къыщызэгъэпэщыным теухуа комиссэм и зэ1ущ1э иригъэк1уэк1ащ. - УФ- м и Президент Путин Владимир къэралым финансхэмк1э министерствэм къалэн щищ1ащ налшыч дащ1ыхь театрхэм я уардэ унэр ик1эм нагъэсын папщ1э милуан 750-м щ1игъу къыхуаут1ыпщыну. - Мальбахъуэ Темборэ и ц1эр зезыхьэ лъэпкъ библиотекэм январым и 23-м сыхьэт пщык1утхум щ1идзэу тхак1уэ, тхыдэдж, этнограф, КъБ-м щ1эныгъэмк1э щ1ыхь зи1э и лэжьак1уэ Мафэдз Сэрабий къызэралъхурэ илъэс 85 зэрырикъум теухуа пшыхь щек1уэк1ынущ. - Уахътыншэ полк зыф1аща урысейпсо зэщ1эхъейныгъэм «Тек1уахэм я щ1эблэ» зыф1аща зэпеуэ ирагъажьэ.