home

Радио КБР (28.06.2012: 16.10) kab

28.06.2012 | 18:35
[audio: https://vestikbraudio.hb.bizmrg.com/2012-06-28/20120628_16_KAB.MP3] - «Кавказ джэгухэр 2012» щэнхабзэ-спорт фестивалыр егъэк1уэк1ыным КъБ-рыр процент 80-м щ1игъук1э хуэхьэзырщ. - Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ округым и щ1эныгъэл1 щ1алэгъуалэм я е 6-нэ зэхуэсыр нобэ къызэ1уахащ. (Беслъэней Зерэ - КъБКъУ-м химие щ1эныгъэхэмк1э и кандидат, форумым хэтхэм ящыщ ). - «Ц1ыхухэр жьы хъуа унэхэм къыщ1эгъэ1эпхъук1ын» программэм хиубыдэу Бахъсэн куейм хыхьэ Хьэт1окъущыкъуей жылагъуэм фэтэр 24-рэ хъууэ унит1 щаухуащ . Къуажэ администрацэр мы махуэхэм зэлэжьхэм теухуауэ. (Архэст Заур - Хьэт1окъущыкъуей къуажэ администрацэм и унафэщ1ым и къуэдзэ). - «2012-15 гъэхэм хамэ къэрал щыпсэу ди лъэпкъэгъухэм худи1э зэпыщ1эныгъэр егъэф1эк1уэным» теухуа КъБ-м и Правительствэм и программэм ипкъ итк1э Тыркум щыпсэу ди лъэпкъэгъухэм Налшык зыщагъэпсэхунущ.