home

Радио КБР (20.06.2012: 13.10) kab

20.06.2012 | 15:58
[audio: http://files.realmusic.ru/download/1036515/radiokbr_news_-_radio_kbr_(20.06.2012__13.10)_kab.mp3] - КъБ-м и 1этащхьэ Къанокъуэ Арсен и унафэм тету республикэм и Правительствэм и унафэщ1 Гертер Иван к1элъоплъ ди щ1ып1эм и социальнэ 1энат1эм епхауэ ек1уэк1 ухуэныгъэхэмрэ зэхъуэк1ыныгъэхэмрэ. - КъБ-м мы илъэсыр зэрыщ1идзэрэ бюджет унэт1ыныгъэмк1э экономикэм епха щ1эпхъаджагъэу 120-рэ щалэжьащ. - Школак1уэхэм я гъэмахуэ зыгъэпсэхугъуэ лъэхъэнэм сабийхэм я гукъыдэжыр къэ1этыным, я узыншагъэр егъэф1эк1уэным иужь итщ Аруан куейм хыхьэ Старэ Шэрэдж жылагъуэм и езанэ курыт еджап1эм хэту лажьэ школ лагерым и лэжьак1уэхэр.(Къудащ Хьэ1ишэт – лагерым и унафэщ1). - Бахъсэн районым и Щ1алэгъуалэ администрацэм мы махуэхэм зыхуегъэхьэзыр Урысейм и щ1алэгъуалэм я махуэшхуэр куейм зэрыщагъэлъэп1энум.