home

Радио КБР 18.00 kab - 2017.05.24 18:28

24.05.2017 | 18:28
- Щ1алэгъуалэ гъэсэныгъэм теухуа проектым щытек1уахэр щагъэлъап1э зэ1ущ1э КъБ-м и Парламентым нобэ щек1уэк1ащ. (Гугъуэтыж Ахьмэд - республикэм и Парламентым и Щ1алэгъуалэ Палатэм и тхьэмадэ). - Налшык дэт е 7-нэ курыт еджап1эм Совет Союзым и л1ыхъужь Калюжный Николай и ц1эр щыф1ащ гуф1эгъуэ 1уэхугъуэ нобэ а школым щызэхэтащ. (Ц1ып1ынэ Заремэ - Налшык дэт е 7-нэ курыт еджап1эм и унафэщ1ым и къуэдзэ). - Славян тхыбзэм и махуэр нобэ Налшык щагъэлъэп1ащ. - Курыт еджап1эхэм щ1эсхэм я гъэ еджэгъуэр и к1эм нэблэгъащ.