home

Радио КБР 18.00 kab - 2017.12.18 18:34

18.12.2017 | 18:34
-Урысейпсо ц1ыхубэ фронтым и форумым спортым ц1ыху нэхъыбэ къыхэшэным, апхуэдэуи экологием епха 1уэхугъуэхэм нобэ щыхэплъащ. -Прохладнэ районым хыхьэ Красносельскэ жылагъуэм щ1эуэ щаухуа щэнхабзэмк1э унэр нобэ къызэ1уахащ. - «Россия-1» (КъБР) каналым КъБ-м и Iэтащхьэ К1уэк1уэ Юрий эфир занщ1эк1э декабрым и 20-м сыхьэт 18-м къыщыпсэлъэнущ. -КъБ-м и ц1ыхубэ сурэтыщ1, УФ-м щ1ыхь зи1э и сурэтыщ1 К1ыщ Мухьэдин нобэ къыщалъхуа махуэщ. -КъБАСС-рым и ц1ыхубэ усак1уэ, УФ-м и тхак1уэхэм я къэрал саугъэтым и лауреат Балъкъэр Фоусэт и фэеплъ пхъэбгъу пщэдей КъБ-м и щыхьэрым къыщызэ1уахынущ.