home

Радио КБР 16.00 kab - 2017.08.01 16:30

01.08.2017 | 16:30
- Налшык щ1эуэ къагъэщ1эрэщ1эжа Мэлбахъуэ уэрамыр августым и 17-м къызэ1уахыжынущ. - Нобэ адэжь Хэкум къэзыгъэзэжам и махуэщ. (Бешк1ур Тэлат – Сирием къик1ыжу 1990гъэхэм и пэм и унагъуэр игъусэу КъБ-м къэ1эпхъуэжа ди лъэпкъэгъу). - КъБ-м узыншагъэр хъумэнымк1э и министерствэм и аллерго центрым и дохутыр нэхъыщхьэ къалэнхэр игъэзэщ1эну ягъэуващ Щоджэн Мадинэ. - Шэджэм районым щы1э парадромым деж къыщыт1ысым фэбжь зыгъуэта парапланеристым дэ1эпыкъуну ягъэк1уащ къегъэлак1уэхэр. - КъБ-м автотранспортым гъэсыныпхъэу ирагъэхъуэн газым щелэжьыж центрым и ухуэныгъэр и к1эм щынагъэсащ.