[audio: https://vestikbraudio.hb.bizmrg.com/2012-11-13/20121113_16_KAB.MP3]
- КъБ-м и 1этащхьэм и Интернет –приемнэм къы1эрыхьа упщ1эхэм республикэм и л1ыщхьэ Къанокъуэ Арсен республикэ телеканалхэм къыщыпсалъэу жэуап щаритащ;
- «21-нэ л1эщ1ыгъуэм и ц1ыху пэрыт» Урысейпсо зэпеуэр къызэгъэпэщыным, ар егъэк1уэк1ыным хэтахэр КъБ-м жылагъуэ, дин зэгухьэныгъэхэм я 1уэхухэмк1э къэрал комитетым мы дакъикъэхэм щагъэлъап1э. (Къатей Му1эед – ВГТРК-м и къудамэу КъБ-м щы1эм и корреспондент);
- Нобэ зи нэм имылъагъухэм я дунейпсо махуэщ. Зи нэм имылъагъухэм я зэгухьэныгъэу Тэрч районым щы1эм иригъэк1уэк1 лэжьыгъэм теухуауэ. (Бжьыней Арсен - зи нэм имылъагъухэм я зэгухьэныгъэу Тэрч районым щы1эм и тхьэмадэ).